Ет1энэгъэ п1алъэ ф1ык1э Аллыхьым куэдрэ фынигъэс.Нобэ мусульмэнхэм ди махуэ лъап1эщ Курбан-Байрам.Аллыхьым куэдрэ узыншэу фигъэпсоу. Фызыхуем фи1эр нэсу, фи гъащ1эр дахэу, фи щ1ыхьыр ину, фипщ1эр лъагэу.Уи Адэ Анэр Тхьэм куэдрэ я жэуап1эм фыщ1игъэт.Фи Адэ Анэр вгъэгуф1эу, вгъэгушхуэу, вгъэлъап1эу.Гуф1эгъуэр фи куэду, гузэвэгъуэр фи мащ1эу.Берычэтыр фи унэм дэмык1ыу.Къывэхъуапсэр куэду, фызэхъуапсэр мащ1эу.Мурадыф1у фщ1ыр къывэхъулъэу.Унагъуэ бей, унагъуэ узыншэ Аллыхьым фищ1.Гъащ1э дахэ, гъащ1э к1ыхь къэвгъэщ1эну сыфхохъуахъуэ...