Фащэ гъэфIэж махуэм теухуауэ "Нарт Хэку" щIалэгъуалэ хасэм 27.09.2017-м къызэригъэпэща дауэдапщэм тетщIыкIыжа нэтын.
Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр фащэр, фэилъхьэгъуэхэр. А лъэхъэнэ жыжьэ¬-пасэрейр нобэрейм къэсыху ди адыгэм щитIэгъэну щыгъыныпхъэр къызыхих-къызыхищIыкIщ псэущхьэхэм яфэ, яц хуэдэхэр, къэкIыгъэхэр: шыпсыранэр, щIэпыр, джыныгур, н.къ. Ауэрэ ныбжьыр жьым хэту здэкIуэм щыгъыныгъуэхэр, фащэхэр я щIыкIэкIэ, теплъэкIэ, къызыхащIыкIкIэ, къыхэщIыкIыкIэкIэ зиужьурэ хохъуэ.
«Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIащ адыгэм икIи адыгэ фащэр дауикI хабзэм къыдэхъуащ. НтIэ, ди цIыхубз фIэрафIэхэм я Iэпэ-IэсагъэкIэ, IэпщIэлъэпщIагъкIэ, набзэгубзаплъагъкIэ шу блыкIым бзыпхъэ трахрэ, данэмрэ дыщэмрэ зэхащэу, зэхаджэу, я дыщэидэр щхъэращхъэу, ди фащэр факIуэрэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми екIуу, ещхьу дыкъахуапэ. ХэткIи щапхъэр фIымрэ дахэмрэщ. Аращ къызыхэкIар адыгэм нэсэпасэу зэригъэпэща фащэ дахэр щапхъэ хъууэ хамэри, хэхэсри, къыдэплъу, къыддэплъейуэ щIыщатIэгъар, фащэ щIахуэхъуар. А псор зи фIыщIэ ди адыгэ цIыхубзхэ, хабзэу щыIэр тхуэзыгъафIэ, фIыуэ щыIэм я къуэкIыпIэ, фызыщыхуэпыкIауэ, фызыхуэныкъуэ щымыIэу, фызэхъуапсэ къывэхъулIэу сыт щыгъуи Тхьэм ди жьантIэм фыдигъэс.