***
Уадыгэну нобэ гугъу?
Уадыгэныр нобэ лIыгъэщ.
УщызыгъэIэ Тхьэм и тыгъэу
Къоушри дыгъэр, напэр пIыгъщ…
Зы гугъэ нэхукIэ дэшэсыкI,
ХьэрэмэIуащхьэ къуита пIалъэр
Узыхалъхуа лIэщlыгъуэм налъэу
ЩигъэлъэлъэжкIэ, уэри пыкI!
Пычыгъуэр гуауэкIэ зыпсыхь
Адэжь яукIахэм я гукъанэм,
КъекIэрэхъуэкIмэ архъуанэу,
Ехыжи пщIэ, зумыщI и тыхь…
ИджыкIэ куэдым замыщIэж.
Къоунэхури щIэблэ, аргуэрыжьу
И щIагъкIи, и щхьэкIи хамыбжэ –
Ар дызыхэту дызыхьэжщ.
Уадыгэным къокIыр куэд.
Къэзыхутам адыгэм и пIэр,
ЗыхэзыщIам адыгэм и пщIэр
И гугъэр зэи фIэмыкIуэд…
А гугъэм ди щхьэр дегъэӏэт!