Алыхь талэм дыкъигъащ1эри, Гъащ1э нэхур тхуигъэпсащ, Дыпсэуну хуит дыкъищ1ри, Дуней дахэр тхуиухуащ. Дину щы1эм я нэхъ лъап1эр Муслъымэным къыдитащ, Мухьэмэду бегъымбарым И 1умэтым дыхибжащ. Мухьэмэду бегъымбарым И 1умэтыр лей хуэзащ: 1ислъам диныр ямыщ1эжу Языныкъуэр щхьэрыуащ. Ц1ыху гъуэщахэм къэвгъэзэжи 1ислъам диныр зэвгъэщ1эж, Тхьэшхуэм фи гур хуэвгъэзэжи Дин зезыхьэм фыпэджэж. Тхьэм елъэ1ур Тхьэм и щ1асэщ, Тхьэр зигъусэм и насыпщ, Тхьэшхуэр ф1ык1э зыхуэупсэр, Мухьэмэдым и 1умэтщ.