Уэ дэ ди тхьэуэ тхьэшхуэ! Дэ апхуэдэу гугъу зыкъытхуезыгъэхь Ди шынэхъыжьхэм Я унагъуэр уардэ-унэжьу, Выжь нышхэр щаукIыуэ, Выжь укIыпIэуэ, УнапIэр махуэуэрэ Бжэгъу махуэ хасауэ, Я Iэлыхь, гъэунэхэ! Абы адэкIэ, Мы уафэр щыкъащхъуэуэ ЩIылъэр щыщхъуантIэм ПхъэIэщэжьхэр зэрыхэшэу, зэрешажьэу, ЗэIущащэу, зэщэхуакIуэуэ, ФIэбзыр я гъуазэуэ, Вабдзэр зэкIэлъыкIуэуэ, Вагъэбдзумэр зэгуилъхьэрэ ЩIым и гулъыр къыдрипхъейуэ, ЩIым и махуэрэ Хум и кIыпIэуэ, я Iэлыхь, дыхуэшэ! Мэшу къытекIхэр благъэ мэшу, Шынэ гъуэгуу, Бзий фIыцIэрэ цIэякIуэу, Лъэрыгъынэм икIуэсу, Лъэсыр худэIэбейуэ, Ажэ жьакIэм хуэдэуэ уфафэу, Афэ гъуапэм хуэдэуэ уэндэгъуу, Жэпкъыхъу щхьэ пIащэу, Iэтэбэу зы хьэсэм къикIыу, Я Iэлыхь, апхуэд
597327595051

55 555

Показать ещё